АСЛЪЭНХЭ Алий, КъЧР-м и Адыгэ-Хасэм и тхьэмадэ:
«Къулыкъу щIэным — щIыхь пылъщ» Адыгэхэм я тхыдэм къыхощыж ди лъэпкъым сыт щыгъуэ лъэхъэни лIыгъэ хэлъу, зыщыпсэу къэралым и щIыхьыр ихъумэу къызэрекIуэкIар. Ноби аращ зэрыщытыр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэм и лъым хэлъщ щыпкъагъэр, лIыхъужьыгъэр, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэм зыщIигъэкъуэным зэи шэч къызэтыримыхьэр.Абы и щапхъэщ СВО-р зэрыщIидзэрэ ди адыгэ къуажэхэм дэкIа щIалэгъуалэм я псэ емыблэжу Хэкур хъумэным, гузэвэгъуэ…