ЦIыху гумащIэхэр

Сыт и уасэ сурэт щхъуэкIэплъыкIэ иту сабий садым кIуэ цIыкIум сурэт къыпхуригъэхьыну, е ТекIуэныгъэр и Iэрылъхьэу, псэууэ унэм къэкIуэжыну хуэлъаIуэу еджакIуэм, студентым итх письмом.

Долъагъу абы и уасэри, апхуэдэ тхыгъэ кIэщI къеджэ сэлэтым и нэпс къызэрыфIыщIэкIри, и  лIыгъэм зэрыхэхъуэри, и гукъыдэжым зыкъызэриIэтри. Дэ щхьэж тхузэфIэкIым кIэ дадэIэпыкъун хуейщ зауэ операцэ хэхам хэтхэмрэ абыхэм щхьэкIэ жэщ-махуэ ямыIэу гузавэ адэ-анэхэмрэ. Апхуэдэ цIыху гумащIэхэм я хъыбар щызэхэпхкIэ, гур хегъахъуэ. Хэкум и хъумакIуэм и ма хуэщIым ехъулIэу, Хьэбэз районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм дэт курыт еджапIэм щеджэхэм, адэ-анэхэм, егъэджакIуэхэм СВО-м хэтхэм гуманитар дэIэпыкъуныгъэ хуагъэхьэзыращ. Абыхэм къу лыкъущIэхэм папщIэ зэхуа­хьэсащ ерыскъыхэкIхэр, IэфIыгъэкIэхэр, хьэпшып зэхуэмыдэхэр. Псом хуэмыдэу, сэлэтхэм гуапэ ящыхъунущ сабийхэм къабгъэдэкIа тхыгъэ цIыкIухэр. Абыхэм ди сэлэтхэм я гур, я псэр къаIэтынущ, гушхуэ­ныгъэ халъхьэнущ зауэлI пщэрылъхэр и кIэм нагъэ­су, узыншэу я унагъуэхэм къекIуэлIэжынымкIэ.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *