Зауэ операцэ хэхар здыщрагъэкIуэкI щIыпIэм Къэрэшей-Черкес Республикэм къыбгъэдэкIыу къыкIэлъыкIуэ гуманитар дэIэпыкъуныгъэ машинэ яутIыпщащ.
Апхуэдэу, зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядэIэпыкъунымкIэ зыуэ щыт республикэ Штабым хэт, УФ-м и сенатор Къэзэнокъуэ Кърым къыбгъэдэкIыу, Ипщэ военнэ округым псы къабзэ тонни 9 ирагъэшащ. СВО-р зэрыщIидзэрэ, абы хэтхэми, къэралым и хэгъуэгущIэхэм щыпсэухэми ядэIэпыкъуным республикэр жыджэру хэтщ. Апхуэдэу, КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид я пашэу, штабым и лэжьыгъэм ипкъ иту тонн 1000-м нэс гуманитар дэIэпыкъуныгъэу хуашагъэххэщ. Абы хэтщ ерыскъыхэкIхэр, хущхъуэхэр, щыгъын хуабэхэр, автотранспорт зэхуэмыдэхэр.
ПсапащIэ Iуэхухэр къызэгъэпэщыным холэжьыхь сенаторхэр, депутатхэр, КъЧР-м и Правительствэр, хьэрычэтыщIэхэр, хэгъуэгум щыпсэухэр.
Ди корр.
республиканская общественно-политическая газета на черкесском языке