КЪЭРЭШЕЙ-ЧЕРКЕС Республикэм щыщ, СВО-р здыщекIуэкI зауэ операцэ хэхам хэта, и ныбжьыр илъэс 21-рэ фIэкI мыхъуауэ «Орден Мужества», «Орден Святого Георгия», «За верность долгу» хэкупсэ медалхэр къызыхуагъэфэща, СВО-м хэтхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъу «Защитники Отечества» Фондым и хэгъуэгу социальнэ координатор адыгэ щIалэ хахуэр — Гусхэ Замир — Урысейм и Президентым и дзыхьщIэгъу хъуащ.
Зэкъым Замир теухуауэ ди газетым тхыгъэ зэрытетар. Ноби ди щIалэ хахуэм и цIэ къыщIитIуэн щхьэусыгъуэшхуэ диIэщ. АтIэ, Замир къыхуагъэфэщащ жэуаплыгъэ къызэрымыкIуэ зыпылъ пщэрылъ — ар Урысейм и Президентым и хэхыныгъэхэм Путин Владимир къуэтыну, и дзыхьщIэгъуу щытыну къыхагъэщащ. Абы щыхьэт тохъуэ иджы дыдэ Замир къыIэщIалъхьа, Урысейм и Центр-избиркомым къикIа щыхьэтлыкъ тхылъыр — удостоверенэр.
ГуфIэгъуэ дауэдапщэм щIэту ныбжьыщIэ гуейм щыхьэтлыкъ тхылъыр IэщIилъхьащ хэгъуэгу хэхакIуэ штабым и аппаратым и унафэщI Алиев Мыхъутар.
«Дзыхь зыхуащI цIыхухэм пщэрылъ хьэлъэ яхьынущ — къэралым щыпсэу
хэм пыщIэныгъэ быдэ даIыгъынущ. Ди фIэщ мэхъу ди хэгъуэгум щыщ щIалэр — Гусхэ Замир щIыхь хэлъу Владимир Владимирович зэрыкъуэтынур.
Замир щIалэ хэкупсэщ, СВО-м къулыкъу щищIащ, а зэхэуэхэм я ветеранщ. Зэрихьа лIыхъужьыгъэм, къигъэлъэгъуа хахуагъэ къызэрымыкIуэм къыпэкIуа зауэ, къэрал нагъыщэхэр щIыхь лъагэ зыпылъщ. Дрогушхуэ апхуэдэ щIалэм», — щыжиIащ Алиевым и къэпсэлъэныгъэм.
«Владимир Владимирович и дзыхьщIэгъуу сыщтыныр сэркIэ щIыхь къызэрымыкIуэщ, абы къыдэкIуэуи, жэуаплыгъэ ин зыпылъу солъытэ.
Лэжьыгъэ хьэлъэу щытынущ ар, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ дэ зэпыщIэныгъэ быдэ ядэтIыгъынущ хэгъуэгухэм щыпсэухэм, ахэр ди Президентым пытщIэнущ. ДызыIущIэну жылагъуэм яжетIэн диIэщ. АтIэ, ди гъащIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэр хомылъагъукIыну Iэмал иIэкъым», — жиIащ ди хэкуэгъу лIыхъужьым, Гусхэ Замир.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Путин Владимир и кандидатурэр дэзыIыгъхэм я Iэпэхэр здыщIадза тхылъхэр Купсэ хэхакIуэ штабым япэ дыдэ езыхьэлIа, къэралым и хэгъуэгу 25-м Къэрэшей-Черкесыр ящыщ хъуащ.