Хабзэр и лъабжьэу

УФ-м и Президентыр хэхыным теухуа Iуэхугъуэхэм кІэлъыплъакІуэхэр дэтхэнэ хэхыпІэ участкэми щылэжьэнущ. Мазаем и 1-м Къэрэшей-Черкес Республикэм и Жылагъуэ палатэм зэІущІэ щекІуэкІащ. Абы хэтащ хэгъуэгу Жылагъуэ палатэм и пашэ Ляшовэ Еленэ, республикэм и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ мыхыхьэхэкІ организацэхэмрэ я пашэхэр.

ЗэІущІэм къриубыдэу хэхыныгъэхэм зэрыщызэдэлэжьэнум теухуа ЗэгурыІуэныгъэ лъэныкъуэхэм зэдащІащ. Абы ипкъ иткІэрэ, хэхыныгъэхэр щекІуэкІкІэ граждан жылагъуэм къыбгъэдэкІа и лІыкІуэхэм кІэлъыплъакІуэм и къалэнхэр ягъэзащІэу хэхыпІэ участкэхэм щІэтынущ. Сыт, атІэ, ЗэгурыІуэныгъэ-дэфтэрым и мыхьэнэр, сыт хуэдэ къалэнхэр къахуэуврэ абы Іэпэ зэдыщІэзыдза лъэныкъуэхэм? Абыхэми тегъэчынауэ хэгъуэгу Жылагъуэ палатэм щытепсэлъыхьащ. ЗэгурыІуэныгъэм къызэщІеубыдэ зэчэнджэщыныгъэхэри, гупсысэхэмкІэ зэхъуэжэнри, лэжьыгъэм и нэхъыфІыпІэ Іэмалхэр гъэнэІуэнри. А псори щхьэпэнущ УФ-м и Президентыр хэхынымкІэ кампанэр екІуэкІыхункІи, хэхыгъуэ махуэхэми. Зэдэлэжьэныгъэм хэтынущ республикэм щыпсэу лъэпкъ къэскІэ я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лІыкІуэхэр, профсоюзхэр, мыхыхьэхэкІ псапащІэ жылагъуэ организацэхэр, щІалэгъуалэ, щІэнгъуазэ лІыкІуэхэр, Жылагъуэ кІэлъыплъакІуэ комиссэр. — Жылагъуэ палатэр — щІэплъыкІыныгъэ, зэгъэзэхуэныгъэ, жылагъуэ гупсысэхэр гъэнэІуэн, политикэ, граждан къэхъукъащІэхэр, Іуэхугъуэхэр зи нэІэм щІэт къулыкъуу щыткІэрэ, шэч хэлъкъым, лъэныкъуэгъазэ зыхуищІынукъым къэралымкІэ, абы щыпсэу дэтхэнэмкІи мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхум — Президентыр хэхыным ехьэлІа кампанэм, хэхыныгъэхэм. Абыхэм хэтыну кандидатхэми, хэхакІуэхэми, лъэныкъуэ къэс я хуитыныгъэхэр хъума хъуным, и конституцэ лъэкІыныгъэхэр щызу къигъэсэбэпыным, хэхыныгъэхэм хабзэкъутэныгъэ къыхэмыхуэным папщІэ кампанэм дэІэпыкъуэгъушхуэ хуэхъунущ жылагъуэ кІэлъыплъакІуэхэр. Гу зылъытапхъэщ: зы кІэлъыплъакІуи кандидат щхьэхуэм и телъхьэу щытынукъым, абы папщІэ Іэ яІэтыным къыхуриджэнукъым, ифІ е и Іей жиІэнукъым. КІэлъыплъакІуэр — хэхыныгъэхэр нэІурытрэ хабзэр и тегъэщІапІэу екІуэкІыныр къызэзыгъэпэщхэм языхэзщ. ЗэгурыІуэныгъэр зэдэзыщІа лъэныкъуэ къэс абыкІэ щІигъэбыдащ иджы щыщІэдзауэ дызэрызэдэлажьэр. КъинэмыщІауэ, Жылагъуэ кІэлъыплъыныгъэмкІэ Купсэм и бжэхэр зэІуихащи, абы дэтхэнэми лъэкІыныгъэ ирет хэхыныгъэхэр зэрекІуэкІым зыщигъэгъуэзэнымкІэ, — жиІащ КъЧР-м и Жылагъуэ палатэм и пашэ Ляшовэ Еленэ. ЖыІэпхъэщи, Жылагъуэ палатэмрэ НКО-мрэ хэхыныгъэ кампанэ къэс зэдэлэжьэныгъэ зэгурыІуэныгъэхэр зэдащІ. УФ-м и Президентыр хэхыным теухуа махуэхэм хэхыпІэ участкэхэм щылэжьэну кІэлъыплъакІуэхэр КъЧР-м и Жылагъуэ палатэм иригъэджащ. Экспертхэмрэ егъэджакІуэхэмрэ республикэм и район къэс щыІащ, кІэлъыплъакІуэхэм яхуэзащ, программэхэм зыщагъэгъуэзащ, хэхыпІэ участкэхэм къыщыхъункІэ хъуну щытыкІэхэм зэдыхэплъащ, зэпкърахащ. Фигу къэдгъэкІыжынщи, УФ-м Президентыр хэхыныр 2024 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 17-м екІуэкІынущ. УФ-м и Центризбиркомым и къыхэлъхьэныгъэщ гъатхэпэм и махуищ 15,16,17-р хэхыныгъэхэм траухуэну. ЖыІэпхъэщи, УФ-м и Президентыр хэхыным махуищ теухуэныр мыр япэрейщ.

ТУАРШЫ Ирэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *