КЪЭНЭМЭТХЭ Нурадин Мухьэмэд и къуэр 1979 гъэм щэкІуэгъуэм и 7-м Хьэбэз районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм къыщыхъуащ, лъэпкъкІэ адыгэщ. СВО-м дэкІащ 2023 гъэм мазаем и 14-м. Е 1-нэ мото-фочауэ взводым, е 2-нэ мото-фочауэ ротэм, е 1-нэ мото-фочауэ батальоным, 01485-нэ дзэ пакIэм хэтащ, зауэ Іэщэм и тегъэпсыхьакІуэу. 2023 гъэм щэкІуэгъуэм и 23-м Бахмут деж уІэгъэ щыхъури сымаджэщым щІэлъащ.

2024 гъэм мэкъуауэгъуэм и 15-м Донецк унэтІыпІэ лъэныкъуэмкІэ уІэгъэ щыхъури, сымаджэщым щІэлъащ.
Дапщэрэ биишэм щІалэр къыхимыгъэщІами, къикІуэтакъым, зэуапІэм Іухьэжурэ, хахуэу зэуащ. Жагъуэ зэрыхъущи, 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 3-м, зэхэуэ гуащІэу, Нурадин контузие хъуащ. ЗауэлІ сатырхэм яхэщІащ ита зауэлІ икърарым хуэщыпкъэу, зи къалэнхэр къызыхуэтыншэу зыгъэзащІэу, бэшэчагъ, лІыгъэрэ гуеигъэрэ къигъэлъагъуэу, бийм щысхьыншэу, и ныбжьэгъухэм, зауэгъухэм гу къабзэу яхущыта Нурадин.
Курск областыр и иужьрей зэуапІэ хуэхъуащ Къэнэмэтхэ Нурадин, абдеж щызэпиудащ и зауэлІ гъуэгуанэр. Тхьэр жэнэткІэ къыхуэупсэ. Езыр къытхэмытыжми, и лІыгъэр щІэблэм зэІэпахынущ, кІуэдынукъым и фэеплъыр!
ТУАРШЫ Ирэ